Думэныщхэ Iэулэдинрэ Къардэнхэ Мусэдинрэ/Адыгэ лъапсэ гъэпсыкIэ HD
Адыгэ лъапсэ/щIапIэ/лъахэ/хапIэ/псэуалъэ гъэпсыкIэ ЗекIуапIэ: куэбжэ/губжэ, Iэбжэ, набжэ. ЦIыху псэупIэ: унэ, лэгъунэ, пщащэ унэ, хьэщIэщ, пыщIыкI, пыщIыхь. Псэущхьэ IыгъыпIэ: Iуэщ, жэмэщ, шкIэщ, шэщ, мэлэщ, джэдэщ, хьэщ (хьэунэ), бо. Адрей гъущапIэ-тIылъапIэхэр: бэкхъ, лъэныкъуэ бэкхъ, гуэн, гуэнэщ, гуэщ, лъэщапIэ, нэщIэщ, мэкъуэщ, тэхъуанэ, гъавэщ, хьэкуэщ, гъэшэщ, щIыунэ, мылэщ. Псыунэ (3: цIыхухъу, цIыхубз, хьэщIэщым ей). Зэрынэрыльагъущи, пщIантIищу зэхэтщ, зы куэбжэ лъапсэ псом хэлъми. Мыпхуэдэ щIапIэ ухуэкIэм адыгэ пщIантIэр къабзэу щигъэтт.