щыгъуэмахуэ

11.05.2016
Псым хэк|уадэр хэк|уадэу,шхын щхьэк|э л|эр л|эуэ,уз зэрыц|алэм ихьыр ихьу! А псом и щ|ы|ужк|э пащтыхьым и блыгущ|этхэмрэ тырку султ|аным и ц|ыхухэмрэ зэгуры|уауэ,къахэхъуэну мылъкур зэпалъытауэ,Хы Ф|ыц|эм кхъухь жьы хъуа,псым уритехьэ мыхъужыну куэд щ|ауэ хыф|адзэжахэр,къыкъуалъэфыжурэ абы ибгъэт|ысхьэ хъунум,хуэ|ыгъынум хуэдит|-щы ирагъэт|ысхьэурэ,тенджызым траут|ыпщхьэрт,ар щ|илъафэмэ,насыпыншыгъэ къэхъуа хуэдэу,я кхъухьыр псым хэк|уэда хуэдэу жа|эрти,хэщ|ыныгъэ ягъуэтам и уасэр къэралым зэрыраухыл|ам ещхьу къы|ахыурэ,езыхэм зыхуаугуэшыжырт.Мыр ауэ сытми зы щапхъэ ц|ык|уу аращ.Апхуэдэ ц|ыхугъэншагъэ,хьэк|экхъуэк|агъэ куэд адыгэхэм къращ|ащ.... Адыгэжъ бэракъ гущэри Уей жыбгъэм зэрехьэ. Ди деж я хъыбархэри Хэт дэ къытхуихьыну?...

Похожие видео