Бемырзэ Мухьэдин и "Уадыгэным къик1ыр" усэмк1э уэрэд

08.02.2008
Бемырзэ Мухьэдин и "Уадыгэным къик1ыр" усэмк1э уэрэд. "Уадыгэным къик1ыр" Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ. Зэманыр жырри зыгъэщащэ гухъущ,- Абы екъутэр ц1ыхум и щэн-хьэлыр. Абы пэлъэщкъым лъэпкъми и къарур. Игъащ1эк1э хабзэф1 зэрихьэгъахэр, Зэхекъутэжри ди зэман ерум, Хуэнщ1ей пэлъытэу яхепхъэжыр гъэхэм. Адыгэ ц1ыхури мэхъу к1уэ пэтми жьгъей. Хъанцэгу и къуршрэ и тенджызу псынэр, Щхьэхуэф1 гухэлъым ар иронэщхъей, Лъэпкъ к1уэд зэрыхъур имылъагъуу и нэм. Ди щ1эблэр едэ1уэжкъым къэзылъхуам. Еплъыжкъым ди ц1ыхубзхэм я нэмысым, Фадэм и пщыл1ып1э зэрыхуам Ди щ1алэхэр ехьыж, игъуэ нэмысу. 1ыхьлъыгъэр куэдым къызэрапщыр мылъку Ц1ыху уасэр къызэрабжыр и лэжьап1эрщ, 1иманыншагъэр ямыщ1ыж емык1у, Нэмыплъи хуамыщ1ыж зимы1эм напэ. Ещ1ыфыр япэ къэсым хэутэн, Лъэпкъыбзэу илъэс минхэм я уэсятыр, Плъэмык1ыу бгъэшынэн е бгъэук1ытэн, Адыгэ щ1ыхыр пф1ыхаутэ ят1эм. Апхуэдэу щыхъук1и, лъэпкъ ягъэпудам Дэщ1ыну зи гум къэк1ыр зэрызыхэт, Хэт илъэс к1уахэм игу ираудащ, Хэт и щхьэр лъэпкъ гукъеуэ хэмытыххэ. Адыгэу нобэ ущытынур гугъущ, Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу, Къэвгъуэтыт тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу, Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу! Щалъхуати, и мыгъуагъэу, жэнэт хэку, Яхуэхъури бийхэм ар хьэ зэрышхып1э, Нэщ1эбжьэ куэдхэр щ1агъэк1ащ и нэгу, Ди лъэпкъ бэшэчу л1ыхъужьыгъэ зи бэм. И тхыдэ к1ыхьу къызэринэк1ам, Ар куэдрэ ихуэгъащ псэ зэпылъхьэп1э, Имыгъуэтыжу, уеблэмэ, щ1элъхьэп1э, И быну хамэ 1эщэм къиук1ар Къэхъуащ монголхэм ар щапэщ1эта, Зы фэбжь кърахмэ, щащ1эу ярихыжу, Гу1эЛабэ 1уфэ щы1ута, Сабийхэр псыхьэлъахуэу къыхихыжу. Арщхьэк1э, хуэмызами сыт махуей, Абы игъэпудакъым зык1и и щхьэр, И Хэкур къигъэнэн щыхъуами хуей, Яхуэувакъым ар лъэгуажьэмыщхьэу. Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, Адыгэу нобэ упсэуным къик1ыр, Ди тхыдэ гуауэу фхуэсщ1ыжам зи гугъу, И напэ къэс унэджысынырщ и к1эм. Ирехъу гуф1эгъуэ е гухэщ1 ирехъу, Абы ухущытынырщ ухуэфащэу, Уи напэм ену уи гур хурырегъу, Уи махуэ къэсыхун ц1ыхугъэ бащэу. Уадыгэныр мыгурыф1-гурей, Зи уэлиигъуэм ф1эф1мэ-улъэпкъыпсэу, Адыгэу хъуам тралъхьэмэ тезыр, 1эщ1ыб пщ1ыжыну уи анэдэлъхубзэр. П1урылъу зы бзэ, узэдису зыщ1 Хьэлэлу къыщытепсэк1э зы дыгъэ, Адыгэу упсэуным къик1ыр зыщ- Уадыгэну къыпкъуэк1ынырщ л1ыгъэ.

Похожие видео