Бэч Азэмэт/Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэт и гъыбзэ HD
Урыс-адыгэ зауэм и лIыхъужь Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэт хуауса гъыбзэр. Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэт и уэрэдыр ТIуапсыпэ гущэмэ топхэр щогъуагъуэри, е-уэредэ, А ней, Жьыубгъу гущэмэ лъыпсыр щагъажэ. Топ узэд гущэхэр къытхухэзышри, е-уэредэ, А ней, КъуэджэбердыкъуэкIэ ди Мыхьэмэтт. КIеикIэ гущэмэ дыкъыщыдэплъэкIэ, еуэ, е-уэредэ, А ней, пщIэгъуалэ гущэр унэ хуэкIуэжт. КъуэджэбердыкъуэкIэ ди Мыхьэмэтри, е-уэредэ, А ней, Мыхьэмэт гущэр уIэгъэ хьэлъэт. Жэщыбг гущэмэ шэр хырегъэхри, е-уэредэ, А ней, нэхущ къабзэ гущэм и псэр дыхокI. Тенджыз гущэмэ къикIыгъэ кхъухьхэри, е-уэредэ, А ней, Мыхьэмэт гущэм и щIэупщIакIуэт. Зэшыпхъуибл гущэхэр щызэхэплъэж гущэкIэ, е-уэредэ, А ней, данагъуэ щхьэц гущэхэр къызэдырач. Зи бжаблэ гущэри Тхьэм иричыжыгъэри, е-уэредэ, А ней, КъуэджэбердыкъуэкIэ ди Мыхьэмэтт. Мыхьэмэт гущэмэ и ныбжьэгъуфIхэми, еуэ,е-уэредэ, А ней, бэракъ гущэхэр зыдагъэсыс. ТIуапсэ дэс гущэхэм фи пщащэ дахэхэм, е-уэредэ, А ней, къэзэуат гущэм гущтэ ныхуащI. Ластыч гущэмэ къыхэщIыкIыгъэхэри, еуэ, е-уэредэ, А, ней, зэшыпхъу гущэхэм я щхьэфIэпхыкIт. Дарий гущэкIэ зэкIуэцIыпхыгъэхэри, е-уэредэ, А ней, зи кхъащхьэ гущэм щезыгъэгуэш. Уи шыпхъу гущэуэ Хьэбибэ дахэри, еуэ, е-уэредэ, А ней, жэщ щыс гущэмэ хуемыгъэзэш. ЩIэпщэ ныш гущэуэ кърашэлIахэри, е-уэредэ, А ней, хьэжы-молэ гущэмэ зэбгырашыж. Уи адэжь гущэуэ Къуэджэбердыжьми, е-уэредэ, А ней, шыкIэпшынэ гущэр зэкIэлъегъагъ. Зи шыпхъуибл гущэр хьэкъугъей макъри, еуэ, е-уэредэ, А ней, КъуэджэбердыкъуэкIэ ди Мыхьэмэтт.
Похожие видео
Показать еще