Адыгэ уэрэд | Иуан Владимир - Фӏылъагъуныгъэ щымыӏатэм (псалъэхэр щӏэтхауэ)

24.11.2019
ТЕКСТ: И лъабжьэр щӏылъэм хэмытамэ, мо жыгыр сытым щӏиӏыгъэнт? Дыгъэшхуэр уэгум имытамэ, гуфӏэу ар сытым хуэгъэгъэнт? Фӏылъагъуныгъэр щымыӏамэ, Мы дунеишхуэр мыгъэгъэнт, Ар цӏыхухэм я гум имылъамэ, Цӏыху насыпыфӏи щымыӏэнт. Жьапщэр къыкъуэурэ къыхитхъамэ, и къуэпсыр щӏылъэм хэкӏуэдэнт. Е ар гу бампӏэм зэгуитхъамэ, и щхьэкӏэр гъатхэм мыгугъэнт. Фӏылъагъуныгъэр щымыӏамэ, Мы дунеишхуэр мыгъэгъэнт, Ар цӏыхухэм я гум имылъамэ, Цӏыху насыпыфӏи щымыӏэнт. Уи лъагъуныгъэр мы си гущӏэм дыгъэу сыт щыгъуи щхьэщытам, Къыпэлъэщынтэкъым си гъащӏэм борэни жьапщи зэхэтам. Фӏылъагъуныгъэр щымыӏамэ, Мы дунеишхуэр мыгъэгъэнт, Ар цӏыхухэм я гум имылъамэ, Цӏыху насыпыфӏи щымыӏэнт. https://sites.google.com/site/mosadyghe/home/lyrics/f/f-ylagunyge-symy-atem #ф1ылъагъуныгъэр #фiылъагъуныгъэр #фLылъагъуныгъэр #щымы1амэ #щымыiамэ #щымыLамэ #ф1ылъагъуныгъэ #фiылъагъуныгъэ #фLылъагъуныгъэ #щымы1атэм #щымыiатэм #щымыLатэм

Похожие видео