Iэпыч Iэлиуас - Гуащэгъагъ и гъыбзэ HD
«Гуащэгъагъ и гъыбзэ» Дэшхуейуэрэ си пхъэ вакъитlмэ Санырокlуэри саныроплъэ, Дунеижьурэ ар синэм къиплъыхьмэ Уой, Къанщэубий щlалэр тезмылъагъуэ, уой! Дунеижьурэ ар синэм къиплъыхьмэ Уой, Къанщэубий щlалэр тезмылъагъуэ, уой! Накlуэ, накlуэ, уой, си Къэрэшаш! Къанщэубийр къэкlуэжым уой дэ дывгъаплъэ, Уой Къанщэубийр къыщымыкlуэжкlэ Уой, Мывэ фlыцlэжьхэр зэгуэудыхукlэ дывгъагъ! Мывэ фlыцlэжьри ар зэгуэмыудурэ Уой, сэ си напlэщхьитlри зэгуэудащ, уой! Дыщэхуурэ, уой, си щхьэцыгъуэшхуэр Си лъэдакъэпитlмэ, уой, нызэдытоуэ, уой Уэ и бампlэр сэ къыстеуэмэ, Уой, сэ мы сэреижьыр нызэlузохыр, уой! Уэ и бампlэр сэ къыстеуэмэ, Уой, сэ мы сэреижьыр нызэlузохыр, уой! Къызинэмрэ, уой, сэ си къэдинэмрэ Зы гу нэщ1к1эрэ ныдызогъэшэр уой Тхьэмышк1э пшэф мы губгъуэжь нэщ1мэ Уой, Дуней сыкъинэжакъэ, уой. Тхьэмышк1э пшэф мы губгъуэжь нэщ1мэ Уой, Дуней сыкъинэжакъэ, уой.